ХъыбарыфӀыр ЩӀэдзапӀэр 1993
|
| 1 |
| Тхьэм теухуа щыхьэтыгъэр къыфхуэсӀуэтэну фи деж сыныщыкӀуэм, си къуэшхэ, псалъэ дахэхэр жысӀэурэ, акъылыфӀагъэкӀи сынывэпсалъэурэкъым а хъыбарыр зэрыфхуэсӀуэтар. |
| 2 |
| Фи деж сыщыщыӀэм, Хьисэ Мэссихь и хъыбарым фӀэкӀа зыри сымыщӀэным тезубыдащ, псом япэу сщӀэр езыр жорым зэрыраӀулӀарщ. |
| 3 |
| Къару симыӀэу, сышынэу, сигури ину къикӀэзызыкӀыу фи деж сыщыӀащ. |
| 4 |
| КъыжысӀахэмрэ хъыбару къыфхуэсӀуэтахэмрэ яхэтакъым цӀыхум и акъылыфӀагъэр яӀэу, фи фӀэщ зыгъэхъун псалъэхэр, ауэ си псалъэхэр къигъэпэжу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и къарур яӀэт. |
| 5 |
| Апхуэдэу щӀэхъуар фи фӀэщхъуныгъэр цӀыхум и акъылыфӀагъэм темыщӀыхьауэ, Тхьэм и лъэкӀыныгъэм тещӀыхьауэ щытын щхьэкӀэщ. |
| 6 |
| Апхуэдэу щытми, акъылыфӀагъэ зыхэлъ хъыбару Тхьэм и ӀуэхухэмкӀэ гурыӀуэныгъэ нэгъэса зиӀэ цӀыхухэм яхуэтэӀуатэ. Ау а акъылыфӀагъэр мы зэманым тепщэныгъэ зиӀэу кӀуэдыжынухэм я акъылыфӀагъэр аракъым. |
| 7 |
| Зи хъыбарыр къэтӀуатэр Тхьэм и акъылыфӀагъэу щэхуу щытыр арщ. Тхьэм а акъылыфӀагъэр цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ щытащ, ауэ лъэхъэнэ псоми япэу Тхьэм зэриухам тету, а акъылыфӀагъэм и гъуэгукӀэ щӀыхьышхуэ диӀэ хъунущ. |
| 8 |
| Мы зэманым тепщэныгъэ зиӀэхэм ящыщ зыми а акъылыфӀагъэр къищӀакъым. Абыхэм къащӀатэмэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ Зиусхьэныр жорым ираӀулӀынтэкъым. |
| 9 |
| Ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Зы ни илъэгъуакъым, зы тхьэкӀуми зэхихакъым, зы цӀыхуи игу къэкӀакъым Тхьэм езыр фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэм яхуигъэхьэзырар». |
| 10 |
| А Ӏуэхухэр Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ дэ къытхуигъэнэхуащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Ӏуэху псори егъэунэху, ар Ӏуэхухэм я кууупӀэхэми ялъоӀэс. |
| 11 |
| ЦӀыхум игу илъыр езым фӀэкӀа нэгъуэщӀ цӀыхухэм ящыщу хэт зыщӀэр? Апхуэдабзэу, Тхьэм и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фӀэкӀа зыми зэхищӀыкӀыркъым. |
| 12 |
| Ауэ Тхьэм ди гум кърилъхьа псэр мы дунейм и псэракъым, атӀэ езым и Псэ ЛъапӀэр арщ, Тхьэм къыдита тыгъэхэр зэхэтщӀыкӀын щхьэкӀэ. |
| 13 |
| Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зигу илъ цӀыхухэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и Ӏуэхур зэхедгъэщӀыкӀыурэ, Тхьэм къыдита тыгъэхэм ятеухуауэ допсалъэ, ауэ жытӀэр цӀыхум и акъылыфӀагъэм дигъэщӀа псалъэхэр аркъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм дигъэщӀа псалъэхэр арщ. |
| 14 |
| Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум имылъ цӀыхум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ Ӏуэхухэр идэркъым. Ахэр абы фӀэделагъэщ, зэхищӀыкӀыни лъэкӀынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэ закъуэрщ цӀыхухэм ахэр зэхезыгъэщӀыкӀыфынур. |
| 15 |
| Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъ цӀыхум Ӏуэху псори зэхещӀыкӀ, ауэ а цӀыхур зыми зэхищӀыкӀын лъэкӀынукъым. |
| 16 |
| «Зиусхьэным и гум илъыр хэт къэзыщӀар, ар зыгуэр хуигъэӀущыну?» Мэссихь и гум илъыр дэ дигуми илъщ. |
|
| Тхыгъэхэр Гъэунэху |
https://beblia.bible:81/BibleAudio/kabardian/1corinthians/002.mp3
16
2