ХъыбарыфӀыр ЩӀэдзапӀэр 1993
|
| 1 |
| Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь дунейм къызэрыкӀуэжынумрэ абы деж дызэрыщызэхуэсынумрэ ятеухуауэ, ди къуэшхэ, мыбыкӀэ дыныволъэӀу: |
| 2 |
| Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр къэсауэ жиӀэу, цӀыху гуэрым Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм езым и гум кърилъхьа хуэдэу пцӀыкӀэ жиӀэми, е цӀыхухэм а махуэр къэсауэ жаӀэми, е дэ тхылъкӀэ апхуэдэу ттхауэ цӀыхухэм жаӀэми, а Ӏуэхум щӀэхыу фытемыгузэвыхь икӀи фытемышыныхь. |
| 3 |
| Хэту щытми, зыкӀи зыкъевмыгъэгъапцӀэ. ЦӀыхухэм я щӀыб Тхьэм хуагъэзэн, бзаджагъэм и цӀыхуу Тхьэм игъэкӀуэдыжынур къэлъэгъуэн и пэкӀэ, а махуэр къэсынукъым. |
| 4 |
| А цӀыхур тхьэуэ жыхуаӀэхэми цӀыхухэм ягъэлъапӀэ Ӏуэху псоми япэувынущ, а псоми нэхърэ нэхъ ину зилъытэжынущ. Тхьэм и унэшхуэми щӀэтӀысхьэнурэ, «Сэ сы-Тхьэщ», жиӀэнущ. |
| 5 |
| Фи деж сыщыщыӀэм, а Ӏуэхухэр зэрывжесӀар фигу къэкӀыжыркъэ? |
| 6 |
| Бзаджагъэм и цӀыхум иджы гъуэгу езымытыр фэ фощӀэ. Ауэ игъуэр къыщыскӀэ, бзаджагъэм и цӀыхур къэлъэгъуэнущ. |
| 7 |
| Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бзаджагъэм и лъэкӀыныгъэ щэхум Ӏуэху ещӀэ иджы. Ауэ бзаджагъэм и цӀыхум иджыри къэс гъуэгу езымытар япэщӀыкӀэ Ӏуахыжьын хуейщ. |
| 8 |
| Бзаджагъэм и цӀыхур къэлъэгъуэнущ итӀанэ. Зиусхьэн Хьисэ щӀыхьышхуэ иӀэу къыщыкӀуэжкӀэ, зэрыбауэ ишэ жьымкӀэ ар иукӀынущ икӀи игъэкӀуэдыжыпэнущ. |
| 9 |
| Бзаджагъэм и цӀыхур къыщыкӀуэкӀэ, шейтӀаным и лъэкӀыныгъэ иӀэу къэкӀуэнущ. ЛъэкӀыныгъэ Ӏуэхушхуэ нэпцӀ псори, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ нэпцӀхэри, Ӏуэху телъыджэ нэпцӀхэри цӀыхухэм яригъэлъагъунущ. |
| 10 |
| КӀуэдыпӀэм и гъуэгу тет цӀыхухэр сыт хуэдэ бзаджагъэкӀи игъэпцӀэнущ. Ахэр щӀэкӀуэдыр, мыкӀуэду зыкърагъэлын щхьэкӀэ, щыпкъагъэр фӀыуэ ялъагъун зэрамыдар арщ. |
| 11 |
| Аращи, пцӀыр я фӀэщ хъун щхьэкӀэ, Тхьэм абыхэм я гупсысэкӀэр зэрегъэкӀуэкӀ. |
| 12 |
| Апхуэдэу щыпкъагъэр зи фӀэщ мыхъу цӀыхуу бзаджагъэр зигу ирихь псори Тхьэм игъэкъуэншэнущ. |
| 13 |
| Ауэ Зиусхьэным фӀыуэ илъагъу фи къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм зэпымычу фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ, япэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ фымыкӀуэду фыкъригъэлын щхьэкӀэ, Тхьэм фыкъыхихащ. Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гур зыгъэкъабзэм и лъэкӀыныгъэкӀи, щыпкъагъэр фи фӀэщ зэрыхъуамкӀи фымыкӀуэду фыкърегъэл. |
| 14 |
| Тхьэм и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъызэрыхуриджар дэ фэдгъэщӀа хъыбарыфӀыр арщ. Апхуэдэу, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэмкӀэ Ӏыхьэ къыфлъысынущ. |
| 15 |
| Аращи, ди къуэшхэ, фыкъимыкӀуэту, жьэкӀи тхылъкӀи фэдгъэщӀа Ӏуэхухэм быдэу фытету гъуэгу захуэм фрикӀуэн хуейщ. |
| 16 |
| Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэу фӀыуэ дызылъэгъуауэ, зи нэфӀ щыхуэныгъэмкӀэ сыт щыгъуи дызыгъэгушхуэм фӀыгъуэм дыщегъэгугъ. Абырэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ, сыт хуэдэ фӀыгъуэри вгъэзэщӀэн икӀи къыжыфӀэн щхьэкӀэ, фрырагъэгушхуэ, фигури ирырагъэбыдэ. |
| 17 |
|
| Тхыгъэхэр Гъэунэху |
https://beblia.bible:81/BibleAudio/kabardian/2thessalonians/002.mp3
3
2